1) БзаджащIэхэм ящыщ лIэужьыгъуэщ, бзаджэнаджэ, уд, шейтIан, Псыхъуэ-гуащэ сыт хуэдэхэм ящхьу. a) ЧЫНТХЭР b) МЭЗЫЛI c) ЦIЫХУЕЙ d) ИНЫЖЬХЭР 2) Нартхэм я бий бзаджащIэ лъэпкъыу эпосым хэтщ. Нартхэм ятеуэурэ къахъунщIэрт. a) ПСЭХЭХ b) ЧЫНТХЭР c) ЦIЫХУЕЙ d) ИНЫЖЬХЭР 3) Нэуэжь (фызыжь) шынагъуэщ, кхъахэщ, тхышэщ, нэIуеижьщ, и дзэр гъущIщ; ар мэзым щIэт унэжь цIыкIум щопсэу. a) МЭЗЫЛI b) НЭЩIГЪУЩIЫДЗЭ c) ЕМЫНЭЖЬ d) БЛАГЪУЭ 4) Пэкъуэ и хъумакIуэ бзаджащIэхэм ящыщ зыщ. И псэр хихыну лIэнум деж тхьэм къигъакIуэ IуэхутхьэбзащIэ, тхьэпэлъытэ. a) БЛАГЪУЭ b) БЭРАМБЫХУ c) ПЭКЪУЭ d) ПСЭХЭХ 5) Ар блэ сурэт зиIэ шынагъуэщ.. Абы дыгъэр, мазэр зыжьэдилъафэурэ иубыду яIуатэ. ЕтIуанэу, абы псыр IуищIэурэ жылэр псыншэу къегъанэ, нартхэм зэран яхуохъу. a) ЧЫНТХЭР b) БЛАГЪУЭ c) ЛЪЭБЫЦЭЖЬЕЙ d) ЦIЫХУЕЙ 6) И теплъэм благъуэм щыщ гуэрхэри хэлъщ: ху жылапхъэр зэрылъ гуэныр кIэкIэ йоуэри екъутэ. Ар щIым йолэжь, гъэру пщащэ иIыгъщ, залымыгъэкIэ игъэфызыну хуейуэ, зэрылIыкIын тIасхъапIэ иIэщ. a) ЛЪЭУЖЬЕЙ b) ЕМЫНЭЖЬ c) ПСЭХЭХ d) НЭЩIГЪУЩIЫДЗЭ 7) Ахэр нартхэм я нэхъ бий лъэрыхьу къокIуэ, цIыху сурэтщ, хуабжьу щэджащэщ, я теплъэкIэ шынагъуэщ. a) ИНЫЖЬХЭР b) ЛЪЭУЖЬЕЙ c) БЛАГЪУЭ d) ЛЪЭБЫЦЭЖЬЕЙ 8) Мэзым щыпсэу миф псэущхьэ шынагъуэщ. ЦIыху сурэтщ, ауэ инрэ бэлацэу, и бгъэм джыдэ хэлъу къокIуэ, нэ закъуэу щыжиIи щыIэщ. a) ЛЪЭБЫЦЭЖЬЕЙ b) ЛЪЭУЖЬЕЙ c) БЛАГЪУЭ d) МЭЗЫЛI 9) БзаджащIэхэм я тхьэщ. Бзылъхугъэхэр, Iэщыр мылъхуэж-мыпIэж ещI. Уафэми щIылъэми къыщохутэ. Ар абджыпс унэшхуэм щIэсщ благъуэ, бгъэ сытхэр и хъумакIуэу. a) НЭЩIГЪУЩIЫДЗЭ b) БЭРАМБЫХУ c) ИНЫЖЬХЭР d) ПЭКЪУЭ 10) Хы тIуащIэм щыпсэу бзаджащIэщ, нартхэм я бийщ. Нарт Ашэ зыукIар аращ. Езыр зыIэщIэкIуэдэжар Ашэ и къуэ Ашэмэзщ. a) БЛАГЪУЭ b) МЭЗЫЛI c) ПЭКЪУЭ d) ЛЪЭБЫЦЭЖЬЕЙ 11) Нарт эпосым хэт уд фызыжьщ, Сэтэней и шыпхъущ, Тотрэш и анэщ. Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэхэр къещIэ. Ар нарт-хэм яжреIэри, Сосрыкъуэ ирегъэукI. a) БЛАГЪУЭ b) ЛЪЭБЫЦЭЖЬЕЙ c) БЭРАМБЫХУ d) НЭЩIГЪУЩIЫДЗЭ 12) Къыпхуэзэныр, уи Iуэху къыхэIэбэн-къыхэпсэлъэныр мыфIу нэщэнэкIэ хаубыдыкIа цIыху, угъурсыз. a) ЛЪЭУЖЬЕЙ b) ПЭКЪУЭ c) ЕМЫНЭЖЬ d) МЭЗЫЛI

Нартхэр - бзаджащIэхэр. The Nart epic villains.

Таблица лидеров

Визуальный стиль

Параметры

Переключить шаблон

Восстановить автоматически сохраненное: ?